4 Kasım 2008 Salı
Си адэшхуэ
Зэ закъуэ, lущхьа махуэ лъапэм,
Зы губгъуэ тхьарыкъуэ сыхъуфтэм,
Сищхьар lатау, дамэхэр шэщlау,
Занщlэу къундэтей уэгум силъэтэнт,
Си адэжьым и къуажэм сетlысэхынт.
Къундэтейт, Къундтейт, ди къуажэр,
Жиlэурэ ехыжащ си адэшхуэр.
Къыстыремыннэ жызоlэ и сэламыр,
Уафи, щlылъи, псоуыщхьа псоми,
Фызохыжыр гум къыпыжа и сэламыр.
Тыншу зымахуи псоуакъым си адэшхуэр,
И гъащlэ псом, ихьас ныкъуэу игур.
И нэlур зыхэуэрт игу къыридзэмэ хэкур,
Динэт, дипсэт, дипсоупlэт, ди хэку дыщэр,
Жиlэурэ зэкуэфэуэжырт си адэшхуэр.
Къундэтейт, къундэтейт, Ди къуажэр,
Жиlэурэ ехыжащ си адэшхуэр.
Къыстыремыннэ жызоlэ и сэламыр,
Уафи, щlылъи, псоуыщхьа псоми,
Фызохыжыр гум къыпыжа и сэламыр.
Ей си бынхэ сакъу фыкъызэдаlуэ:
Фэ фылъэгъуакъым хэкум издэхагъэ,
Сипсэм игъазэжынущ фымгузавэ!
Псэр хэкlыу кхъам сыщlэфлъхьажмэ,
Си гупэр lуэщхьамахуэм хуэвгъазэ.
Къундэтейт, къундэтейт, ди къуажэр,
Жиlэурэ ехыжащ си адэшхуэр.
Къыстыремыннэ жызоlэ и сэламыр,
Уафи, щlылъи, псоуыщхьа псоми,
Фызохыжыр гум къыпыжа и сэламыр.
Хэкум гъазэжыныр и гум имыкlу,
И нэр lуэщхьамахуэмкlэ игъазау,
Гузавэу и гур и амыщlэм илъу,
И гъащlэр иухащ ар хузэфlэмыкlыу,
Кхъам кlуэжащ и гугъапсори и гъусэу.
Къундэтейт, къундэтейт, ди къуажэр,
Жиlэурэ ехыжащ си адэшхуэр.
Къыстыремыннэ жызоlэ и сэламыр,
Уафи, щlылъи, псоуыщхьа псоми,
Фызохыжыр гум къыпыжа и сэламыр.
2006-03-13
Атэлыкъ Рафет. Tурчие – Чорум
Atalık Rafet (Türkiye – Çorum)
Мы уысэм ит псалъэ ухуахэм уедаlуэмэ къыбгурыlуэхэр, сытlысыy сэ къазгупсысу сытхауэ аракъым. Уысэм къыбгуригъаlуэхэр ди адэхэм, ди адэшхуэхэм жаlау зыхэтхыжахэращ. Дэ ди Атэлыкъ хэри, мыбы ди къуажэм дэс Дыщэкlхэри, Бахъуэхэри, Къардэнхэри, Пэри хэри псори иги Къабэрдейм Шэгэм зы зыфажыжа, япэм Алтыкуей хъаблэ, яужькlэ и цlэр Къундэтей хъужа къуажэм къикlахэщ. Пэжщ хэкур зыбгына ди адэшхуэхэм ягъазэжыну янэ къикlурэ адрей дунейм зырехыжар. Мыр зыми зыщыремыгъагъупщэ.
Атэлыкъ Рафет
Си бзэ
Умыгъ си т1асэ, умыгъ си щ1асэ,
Уи анэр л1акъым, къигъэзэжынщ.
Дауэ уишэн нт1э сондэджэрак1уэ,
Хамэм уахуишэм, уф1эк1уэдынт.
Узэщымыджэ, си бзэ дахащэ,
Зеиншэу, кхъы1э зумылъытэж.
Анэнэп1эсым и гупк1э дзак1эм
Удадзэжами, зысхуэхъумэж…
Умыгъ си т1асэ, ус1ыгъщ, си щ1асэ.
Ди анэ-лъэпкъым къигъэзэжынщ.
Хъуэж-щ1эж сымыщ1у, дзыхь къысхуэщ1 закъуи,
Си налъэ къэск1э ущыпсэунщ
Умыгъ си т1асэ, умыгъ си щ1асэ,
Уи анэр л1акъым, къигъэзэжынщ.
Дауэ уишэн нт1э сондэджэрак1уэ,
Хамэм уахуишэм, уф1эк1уэдынт.
Узэщымыджэ, си бзэ дахащэ,
Зеиншэу, кхъы1э зумылъытэж.
Анэнэп1эсым и гупк1э дзак1эм
Удадзэжами, зысхуэхъумэж…
Умыгъ си т1асэ, ус1ыгъщ, си щ1асэ.
Ди анэ-лъэпкъым къигъэзэжынщ.
Хъуэж-щ1эж сымыщ1у, дзыхь къысхуэщ1 закъуи,
Си налъэ къэск1э ущыпсэунщ
Ей дунейжьурэ дыгъужь нэщ1а...
Агънокъуэ Лашэ.
Ей, дунейжьурэ дыгъужь нэщ1а,
И нэф1 зыщыхуэр зэзышэл1эж,
И ней зылысыр зэщ1эзыкъуэж,
Адыгэ нэпск1э зызэщ1умышхэ,
Адыгэ бынк1э ухэмыщхьэж,
Зэш-зэлъэпкъугъухэр зэрумыгъэшх,
Зишх къытхэмылъыр къыдумыушт,
Акъыл зэхэдзэ нобэ ямыщ1у,
Нэрыуф1ыц1у удын зэзыдзхэр
Къэзгъэувы1эну, я кум дызодзэ
Си псэ гумащ1эу лъахэм хуэсхъумэр.
Агънокъуэ Лашэ.
Ей, дунейжьурэ дыгъужь нэщ1а,
И нэф1 зыщыхуэр зэзышэл1эж,
И ней зылысыр зэщ1эзыкъуэж,
Адыгэ нэпск1э зызэщ1умышхэ,
Адыгэ бынк1э ухэмыщхьэж,
Зэш-зэлъэпкъугъухэр зэрумыгъэшх,
Зишх къытхэмылъыр къыдумыушт,
Акъыл зэхэдзэ нобэ ямыщ1у,
Нэрыуф1ыц1у удын зэзыдзхэр
Къэзгъэувы1эну, я кум дызодзэ
Си псэ гумащ1эу лъахэм хуэсхъумэр.
Kaydol:
Kayıtlar (Atom)