04 Kasım 2008 Salı
Си адэшхуэ
Зэ закъуэ, lущхьа махуэ лъапэм,
Зы губгъуэ тхьарыкъуэ сыхъуфтэм,
Сищхьар lатау, дамэхэр шэщlау,
Занщlэу къундэтей уэгум силъэтэнт,
Си адэжьым и къуажэм сетlысэхынт.
Къундэтейт, Къундтейт, ди къуажэр,
Жиlэурэ ехыжащ си адэшхуэр.
Къыстыремыннэ жызоlэ и сэламыр,
Уафи, щlылъи, псоуыщхьа псоми,
Фызохыжыр гум къыпыжа и сэламыр.
Тыншу зымахуи псоуакъым си адэшхуэр,
И гъащlэ псом, ихьас ныкъуэу игур.
И нэlур зыхэуэрт игу къыридзэмэ хэкур,
Динэт, дипсэт, дипсоупlэт, ди хэку дыщэр,
Жиlэурэ зэкуэфэуэжырт си адэшхуэр.
Къундэтейт, къундэтейт, Ди къуажэр,
Жиlэурэ ехыжащ си адэшхуэр.
Къыстыремыннэ жызоlэ и сэламыр,
Уафи, щlылъи, псоуыщхьа псоми,
Фызохыжыр гум къыпыжа и сэламыр.
Ей си бынхэ сакъу фыкъызэдаlуэ:
Фэ фылъэгъуакъым хэкум издэхагъэ,
Сипсэм игъазэжынущ фымгузавэ!
Псэр хэкlыу кхъам сыщlэфлъхьажмэ,
Си гупэр lуэщхьамахуэм хуэвгъазэ.
Къундэтейт, къундэтейт, ди къуажэр,
Жиlэурэ ехыжащ си адэшхуэр.
Къыстыремыннэ жызоlэ и сэламыр,
Уафи, щlылъи, псоуыщхьа псоми,
Фызохыжыр гум къыпыжа и сэламыр.
Хэкум гъазэжыныр и гум имыкlу,
И нэр lуэщхьамахуэмкlэ игъазау,
Гузавэу и гур и амыщlэм илъу,
И гъащlэр иухащ ар хузэфlэмыкlыу,
Кхъам кlуэжащ и гугъапсори и гъусэу.
Къундэтейт, къундэтейт, ди къуажэр,
Жиlэурэ ехыжащ си адэшхуэр.
Къыстыремыннэ жызоlэ и сэламыр,
Уафи, щlылъи, псоуыщхьа псоми,
Фызохыжыр гум къыпыжа и сэламыр.
2006-03-13
Атэлыкъ Рафет. Tурчие – Чорум
Atalık Rafet (Türkiye – Çorum)
Мы уысэм ит псалъэ ухуахэм уедаlуэмэ къыбгурыlуэхэр, сытlысыy сэ къазгупсысу сытхауэ аракъым. Уысэм къыбгуригъаlуэхэр ди адэхэм, ди адэшхуэхэм жаlау зыхэтхыжахэращ. Дэ ди Атэлыкъ хэри, мыбы ди къуажэм дэс Дыщэкlхэри, Бахъуэхэри, Къардэнхэри, Пэри хэри псори иги Къабэрдейм Шэгэм зы зыфажыжа, япэм Алтыкуей хъаблэ, яужькlэ и цlэр Къундэтей хъужа къуажэм къикlахэщ. Пэжщ хэкур зыбгына ди адэшхуэхэм ягъазэжыну янэ къикlурэ адрей дунейм зырехыжар. Мыр зыми зыщыремыгъагъупщэ.
Атэлыкъ Рафет
Си бзэ
Умыгъ си т1асэ, умыгъ си щ1асэ,
Уи анэр л1акъым, къигъэзэжынщ.
Дауэ уишэн нт1э сондэджэрак1уэ,
Хамэм уахуишэм, уф1эк1уэдынт.
Узэщымыджэ, си бзэ дахащэ,
Зеиншэу, кхъы1э зумылъытэж.
Анэнэп1эсым и гупк1э дзак1эм
Удадзэжами, зысхуэхъумэж…
Умыгъ си т1асэ, ус1ыгъщ, си щ1асэ.
Ди анэ-лъэпкъым къигъэзэжынщ.
Хъуэж-щ1эж сымыщ1у, дзыхь къысхуэщ1 закъуи,
Си налъэ къэск1э ущыпсэунщ

Ей дунейжьурэ дыгъужь нэщ1а...
Агънокъуэ Лашэ.
Ей, дунейжьурэ дыгъужь нэщ1а,
И нэф1 зыщыхуэр зэзышэл1эж,
И ней зылысыр зэщ1эзыкъуэж,
Адыгэ нэпск1э зызэщ1умышхэ,
Адыгэ бынк1э ухэмыщхьэж,
Зэш-зэлъэпкъугъухэр зэрумыгъэшх,
Зишх къытхэмылъыр къыдумыушт,
Акъыл зэхэдзэ нобэ ямыщ1у,
Нэрыуф1ыц1у удын зэзыдзхэр
Къэзгъэувы1эну, я кум дызодзэ
Си псэ гумащ1эу лъахэм хуэсхъумэр.
Агънокъуэ Лашэ.
Ей, дунейжьурэ дыгъужь нэщ1а,
И нэф1 зыщыхуэр зэзышэл1эж,
И ней зылысыр зэщ1эзыкъуэж,
Адыгэ нэпск1э зызэщ1умышхэ,
Адыгэ бынк1э ухэмыщхьэж,
Зэш-зэлъэпкъугъухэр зэрумыгъэшх,
Зишх къытхэмылъыр къыдумыушт,
Акъыл зэхэдзэ нобэ ямыщ1у,
Нэрыуф1ыц1у удын зэзыдзхэр
Къэзгъэувы1эну, я кум дызодзэ
Си псэ гумащ1эу лъахэм хуэсхъумэр.
20 Haziran 2008 Cuma
къысщыхъурт сэ
къысщыхъут сэ щыуап1э гъуэгу укъытесщыфын
дыхьащхэн сыкъап1ш1ыурэ зысф1эбгъакуэдащ
сыхует лъэпэнэху сыпхуэхъу бэздэ нэу сыпщыхъуащ
сып1к1эрыш1ау къащыргъа 1ус зысф1эп1ш1ащ
синэхур дэхьащхэн къыпщыхъути
уэздыгъа нэху ухуэныкъуэу укъанащ
вагъуэ бжыгъар зыхуэдизыр сымыш1э
си дыгъажыр пщытыр 1ейми дыздопсэу

14 Mart 2008 Cuma
сибзэ сибзэ |эф|
сибзэ сбзэ |эф| къыс|уро|эф|э ныджэбэ собзэрабзэ хуиту сызэпсэлъэн жызо|ыр дызэгуры|уэу зы нэрыбг дэнэ къисхын адыгэбзэ ф|эк|а имыш|эу зы псэлъэгъу фыкъатэдж фыщхъащыт|ысхъа фи компитырым сигу хэлъ зи п|ш|ыхъ хэхъа щы|эмэ ш|ы хъурер згъаувы|энт слъэк|амэ силъэп|къым сибзэр къащтэжыху гъаш|эм хэзмыгъаш|ын щхъа
мы къалэ сыздэсыр зэры къалэу къазгъатэджынт зы уэщэрэгъу згъуэыну сш|амэ ныджэбэ аауэ сыт сы амал,,,,,,,,,,,,
мы къалэ сыздэсыр зэры къалэу къазгъатэджынт зы уэщэрэгъу згъуэыну сш|амэ ныджэбэ аауэ сыт сы амал,,,,,,,,,,,,
анэдэлъубзэ махуэ
нобэ ди анэ дэхубзэм и махуэщ абы щхъа (си|эдыгэбзэ) гупщысэ зэ|уш|ап|эм пш|э уэт|ш|ыу нахъырэ ш|эгъакъуэн дыхуэхън хуеуэ кысщхъ,
сэ нобе |эджэ форум зэгуэсхащ седжащ согъаш|агъуэ сэ ди лъэп|къыр я щындэбзир шэнт щабэм иралъхъари зыдэщысым дунйыр щагъахъа и гъаш|эм хэку зымылъэгъуам хэку хэгъуэгу унафэ еш! хэкум зы щыкурт|ым зыщимы|эм ицэ тету зы тхылъымп|э к|апе зыдэщымы|эм и жылэ хасэ тхъамадэм унафэ хуаш|ыну иууж йохъахэр сыт т|ш|эр жызы|э зкъуэ яхэткъым согъш|агъуэ сэ ищхъа и унафэ зымыш|ыжыфхэм дуне унафэ яш|ыну иууж зэрихъахер
ныт|э хэкур унээш|ынщэу къана ягугъарэ ахэм унэфэш|ым уащыщкъым унэфэш| хэзыхым уащыщкъым унэфэш|хэм унафэ зыхуаш|ынум уащыщкъым уэ сытым иунафэ п|ш|ы си яже|ын къуокуэ ахэм,,а псом нахъырэ нахъыф|т ящщхъа и унафэ яш|ыжарэ я анэ дэлъхубзэ т|эк|ур зэрагъш|эжам я бын ябзэ ирагъаш|эжам хабзэри лъэп|къыри зы|ыгъыжр бзэрщи псом ипэ дибзэр дывгъахъмэ унэфэш|ыр сыт щыгъуэй дгъуэтынущ дымгъуэтыжынур бзэращ ди анэ дэлъхубзэр дывгъахъумэ т|ф|экуэдмэ зи унафэ т|ш|ыжын дгъуэтыжынукъым

07 Mart 2008 Cuma
сипсэ
дэнэ ущы|э сипсэ
хэт урилэш|эс
дэтхэнэ анэ ик|экъуагъ укъуэс
дэнэ жылэ ущыпсорэ
сынолъэ|у къызжеы
сыныппоплъэ
еплъ гъатхэр къуос аргуэрыу
гъатхэ дапщэ хъуа сш|эжкъым
гъаш|эр макуэ ар сош|э
гъш|эм псэш|э къыдокуэ
псэ зы|утхэр къуоущыж
мыущыжыр сэращи
уэ сыножэ си ш|асэ
илъэс дапшэ блэзгъак|а
гъагъа дапщэ пхуэзгъак|а
гъагъа гуэри пхузогъак|
сф|эмыгъужыу къысхэк|уэ
дэнэ ущы|э сипсэ
хэт урилэш|эс
дэтхэнэ анэ ик|экъуагъ укъуэс
дэнэ жылэ ущыпсорэ
сынолъэ|у къызжеы
сыныппоплъэ
еплъ гъатхэр къуос аргуэрыу
гъатхэ дапщэ хъуа сш|эжкъым
гъаш|эр макуэ ар сош|э
гъш|эм псэш|э къыдокуэ
псэ зы|утхэр къуоущыж
мыущыжыр сэращи
уэ сыножэ си ш|асэ
илъэс дапшэ блэзгъак|а
гъагъа дапщэ пхуэзгъак|а
гъагъа гуэри пхузогъак|
сф|эмыгъужыу къысхэк|уэ
Kaydol:
Kayıtlar (Atom)